- зэщIэщтэн
- (зэщIещтэ) перех. гл. занять полностью, захватить, заполнить что-л./ Зыгуэр зыгуэрхэм зэщIаубыдэн, яуфэбгъун, щIагъэнэн.Жыгхэр хьэпIацIэм зэщIащтащ. {ЛIыжьхэм:} ЗэгъащIэ, шынэхъыщIэ, удзыжьым зэщIащта щIыналъэм хэхуа нартыху хьэдзэри зимыгъэкIуэдыну гъащIэм щIобэн. Т. Хь. Гъэмахуэ хъумэ, пщIантIэр шэмэдж уIу макъымрэ унэIут бзылъхугъэхэм я гъыбзэ макъымрэ зэщIищтэрт. КI. Т.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.